|
ДАХ м и 7рей зэхуэсым КАФФЕД
зэщ1эхъеиныгъэм
1. Пэублэ .
Пщ1э зыхуэсщ1у ди тхьэмадэу Нэхущ Ахьмэд и къуэ Зэурби , мы ди щ1ыхъуреим тет хэгъэгухэу ( Арысеим , Абазэм , Европэм , Америкэм , 1урдыным , Щамым , Хьэзры1илым н. ) къик1а ди лъэпкъым и л1ык1уэхэ , ди зэхуэсым хэтыну къеблэгъауэ , пщ1э зыхуэтщ1 ди хьэщ1э лъап1эхэ , ди хасэхэми яхэтхэм щыщхэми, псоми къывжызо1эр - Ф1эхъус Апщий . Ди адэшхуэхэм къытхуагъэна Хэкужьым дыкъыщырахум , Ахыным и жьыбгъэ уае шынагъуэхэм , узыфэхэм , гъаблэмрэ мэжащ1ал1эмрэ къелахэм языщыщхэр , Истэмбылым нэс къэсат . Истэмбылак1уэ псалъэри , арати а гъуэгу мыгъуэм тетахэм яхужа1ащ . Апхуэдэу , мы Истэмбылым нэсыфахэр , Уэсмэн пщыгъуэм я унафэм щ1эт щ1ыналъэми , иужьк1эи , нэпэмыщ1 щ1ып1эхэми , куэдык1еуэ икъухьа щыхъуащ . Илъэс 142рэ ипэ , Истэмбыл къыщежьэу , зэрыщ1ыхъуреиуэ и дэтхэнэ зы лъэныкъуэмк1и икъухьа хъуа ди адыгэ - абазэ жылэр , нобэк1э мы Истэмбылым аргуэру щызэрогъуэтыжхэр . Мы ди
махуэ лъап1эм фыкъытхуеблагъэу , фыкъызэрытхэтым , ик1и мы ди
гуф1эгъуэри къызэрытдэф11ыгъам папщ1э , хасэ 50м нэс зэпха ди
зэщ1эхъеиныгъэми къабгъэдэк1у , сэри си щхьэк1э , куэду ф1ыщ1э ин
къыфхузощ1ыр. 2. ДАХ и зэхуэсым и пщ1эр . Пщ1э зыхуэсщ1 ди хьэщ1э лъап1эхэ , нобэ дэрк1э зы махуэшхуэщ , сыт щхьэк1э жып1эмэ , зэрыщ1ыхъуреуэ икъухьа хъуа ди адыгэ - абазэ жылэм щыщ я л1ык1уэхэр , аргуэру , Тыркум , 1989 гъэм , жэпэуэгъу мазэм и 21м , «Истэмбылак1уэм илъэс 125р» щырикъуа махуэм ирихьэл1эу , 1энкъарэ щек1уэк1ам хуэдэ дыдэу , зы зэхуэсым щызэ1ущ1ахэт . А махуэм ек1уэк1а зэхуэсым къек1уэл1ахэр , зэрыщ1ыхъуреиуэ щыпсэу ц1ыху хъуам , мыпхуэдэ псалъэхэмк1э зыхуагъэзат : « Щ1эуэ зы гъащ1э дахэ дывгъэухуэ , зэрыщ1ыхъуреуэ щыпсэу лъэпкъу хъуам я зэгуры1уэныгъэрэ лъытэныгъэрэ я зэхуаку дырелъ , а зэгуры1уэныгъэми къыздихь и жьыбгъэм , « зауэ » жыхуа1э псалъэр ирырелъэсык1 , ц1ыхугъэм пщ1э хуэзыщ1у хъуам псоми , ди гъащ1эр лъэгъуныгъэ защ1эк1э дывгъэгъэщ1эращ1э » жа1эу къыхураджат . Мы гупсысэхэм тету , щ1ып1э куэдым щыпсэу хъуа ди адыгэ - абазэ жылэм щыщхэм еиуэ , я нэхъ ищхьэ дыдэу щыт я зы зэщ1эхъеиныгъэу , мы Щ1ыхъурепсэу Адыгэ Хасэр яухуэн папщ1э , и япэ лъэбакъуэр апхуэдэу ячат . Ари яухуэным зы илъэсит1ым нэблэгъак1э елэжьахэщ . Иужьк1э , 1991 гъэм , нэкъыгъэ мазэм и 19 – 20рэ хуэзэу , Налшык щырагъэк1уэк1а зы зэхуэсым щыгъуэ , Щ1ыхъурепсэу Адыгэ Хасэр щаухуат . Ари 1991 гъэм къыщыщ1идзэу нобэр къыздэсым , 1993 гъэм - Мыикъуапэ , 1996 гъэм - Черкесск , 1998м - Бжьэдыгъухьэблэ ( Краснодар ) , 2000рэ , 2003нэ гъэхэм т1онеирэ - Налшык , апхуэдэу зэхуэсу 6 ирагъэк1уэк1ащ . Зэрыщ1ыхъуреуэ икъухьауэ , и нэхъыбэри зэблагъэу щыт мы ди адыгэ - абазэ жылэм щыщхэр , илъэс 142 ипэ , къыздик1ауэ щыта Истэмбылым , мы зы гъуэгу , я 7рей зэхэусым папщ1э къытхуеблагъэхэри , щызэрыгъуэтыжа хъуащ . Зыраухуэну и унафэри , Тыркум къыщащтауэ щыта мы Щ1ыхъурепсэу Адыгэ Хасэм , зы 1уэху щ1ык1э , зы зэф1эк1 нэхъ ин едгъэгъуэтынщ жыт1эу ди гупсысэу , дэнэ лъэныкъуэк1и къик1а ди жылэм щыщхэр Истэмбыл къыщыдогъэблагъэр . Мы зэхуэсыри едгъэк1уэк1ын папщ1э , Тырку Хэгъэгум щыщ унэфэщ1хэми защыхуэдгъазэм , Анэдолэм и дыгъэрэпс къуэк1ып1эхэмк1э щы1э бзэджащ1э гупхэм я зауэгъуэм апхуэдэу ирихьэл1а хъуащ . « Мы фи зэхуэсыри нобэк1э евмыгъэк1уэк1атэмэ нэхъ игъуэт » къыджезы1ахэри къахэк1ащ , ауэ , дэ илъэс 3 ипэ , 2003нэ гъэм , мы зэхуэсыр тщ1ыну зы унафэ къэтщтати , а тщ1а ди унафэри зэтхъуэк1ыжыфынутэкъым . Апхуэдэуи , здэщыпсэу хэгъэгу хъуам , нэгъуэщ1 лъэпкъхэми ягъусэу , ахэм ик1и зыдырагъэк1у , ик1и я щхьэри лъагэу 1этарэ , ирипагэу щыпсэу ди адыгэ - абазэ жылэр , зэгуэрхэм зы гурыщхъуэ гуэри къыхуащ1ынк1э зы щхьэусыгъуэ гуэри щы1этэкъым . Аращи мы ди зэхуэсыр едгъэк1уэк1ыну , дэрк1э куэду игъуэт . Мы зэхуэсыри , щэнхабзэ я нэхъ ин дыдэхэр щызэпэщ1эува мы лъэхъэнэм , дин 1уэхухэмк1э зэныкъуэкъурэ , ц1ыху куэдыр щыхэк1уадэм , лъэпкъ зэхэгъэжыныр аргуэру къыщежьэм , Хэкужьым и зы унэфэщ1хэм ящыщ хъуа , ди гъуазджэм и нэхъ лъэщхэу - Тут Зэур , яук1ыпэным нэсыхунк1э удын щытырагъахуэм , бзэджащ1э 1уэхухэм зыщаубгъуа мы ди лъэхъэнэм , илъэс 17 нэужь , зэрыщ1ыхъуреуэ , аргуэру ди зы псалъэк1э зыхуэдгъэзэфынущ . Апхуэдэуи Тырку Хэгъэгуми , зэрыщ1ыхъуреуэ ц1ыху тету хъуам яжыдо1эр ; « Фыкъеблагъэи , дызэгъусэу зы гъащ1э дахэ дывгъэухуэ , мы дыухуэну гъащ1эм , лъэпкъу хъуам я зэхуаку зэгуры1уэныгъэрэ зэныбжьэгъугъэрэ ядырелъ , а зэгуры1уэныгъэм и жьыбгъэм , « зауэ » жыхуа псалъэр зиик1 къэмынэн хуэдэу тырырелъэщ1ык1 . Ц1ыхугъэмрэ лъытэныгъэмрэ ятеухуауэ пщ1э хуэзыщ1у щы1э ц1ыху хъуам, а ди гъащ1эр дызэдэщ1ыгъу зы лъэгъуныгъэк1э дывгъэгъэщ1эращ1э» жыт1эу . Ди
Тхьэшхуэми ди бзэк1э долъэ1ур ; « Уэ дэ ди Тхьэу , ди Тхьэшхуэ ,
Анэдолэу дыщэ къуэладжэ , мы ди щ1ыхъуреим щыпсэу лъэпкъу хъуам ,
псоми зы гулъытэф1 къахуэщ1и , ди адыгэ лъэпкъ мащ1эри а уи
гущ1эгъум хомын . Хъуэхъу ». 3. ДАХ сыт папщ1э яухуа , ик1и сытхэр хузэф1эк1а ? Пщ1э зыхуэсщ1 ди жылэм и л1ык1уэхэмрэ , ди хьэщ1э лъап1эхэмрэ , ДАХ щ1ызэхашам и щхьэусыгъуэри , ипэ дыдэ къащтауэ щыта и зы хабзэм мыпхуэдэу иратхат ; « дэгъыстэн , осетин , шэшэн – ингуш лъэпкъхэр езыхэм я щ1ып1эхэм я бжыгъэк1э и нэхъыбэу ису , я лъэпкъхэми ящыщу хэхэсу псэухэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъ мащ1эщ . Ар папщ1э , ахэм я ц1ыху бжыгъэк1и , Хэкужьым нагъэзэжын я 1уэхук1и , зы гузэвэгъуэ гуэри апхуэдизу я1экъым . Я1эу ябжу щытми , апхуэдэхэм я бжыгъэр куэду мащ1э дыдэщ . Ахэм елъытауэ , Абазэм , Адыгеим , Къарэшей – Шэрджэсым , Къэбардей – Балъкъэрым , Ахын1уфэ щыпсэу шапсыгъхэм я щ1ып1эм , Адыгэ - Абазэ жылэм щыщхэм , я щэм хуэзэу и 80% - 90% , Урыс - Кавказ зауэм щыгъуэ я Хэкужьым ирахуауэ щытащ . Ауэ иджы я Хэкужьым нагъэзэжу ит1ысхьэжын папщ1э , ахэм къыхуащта и унафэхэр псынщ1эу ягъэзащ1эу , хэмышэпсыхьыжу , я щэнхабзэри хэмык1уэдыжын папщ1э , щ1апхъэу щы1эхэр гъэзэщ1эн зэрыхуеир » итт . Пэжым фыхуеимэ мы ДАХ щ1аухуам и зы щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри мырат . Зэщ1эхъеиныгъэм и хабзэм зэритымк1э , ди пщэрылъхэри мыпхуэдэу иратхат . ДАХ щ1аухуамрэ и щ1апхъэхэмрэ ; 1. ДАХ , адыгэ - абазэ жылэм и къэщ1эрэщ1эжыныгъэмрэ и зегъэужьынымрэ хуэгъэзауэ щ1апхъэу щы1эу хъуар псори ягъэзащ1эурэ , я тхыдэм къызэрыхэщымк1э , я дэтхэнэ зы лъэныкъуэк1и я щытык1эр нахуэрэ зэ1ухауэ сыт хуэдэ утыкуми иту , ахэмк1и ядэ1эпыкъунк1э лэжьыгъэ иригъэк1уэк1ыну езым и зы пщэрылъ ещ1ыжыр. 2. Мы и гугъэхэри нэхъ игъэзэщ1эн папщ1э , ДАХ , мы 1уэхухэр ирегъэк1уэк1ыр ; а ) Дэнэ лъэныкъуэк1и щыпсэу ди адыгэ - абазэ жылэм щыщхэр , я Хэкужьым щыпсэу я лъэпкъэгъухэм япыщ1ауэ , зэкъуэшыныгъэк1э зэрызэпхар нэхъыри нэхъ лъэщ ящ1ыну , адыгэу хъуам псоми зы тхыбзэрэ зы тхыпкъылъэрэ ( алфабеи ) зырахьэнум яужь итынущ . б ) Адыгэ - абазэ жылэм я щэнхабзэм щыщу , мы ди щ1ыхъуреим щикъухьар я Хэкужьым щызэщ1акъуэжу , ятеухуауэ къыдагъэк1ауэ щыта тхылъу хъуар псори зы щ1ып1эм щызэхуахьэсыжыну . д ) Адыгэрэ - абэзэу хъуар псори я анэдэлъхубзэмк1э еджэфу , тхэфу зырагъэсэнымк1э яхуэлэжьэн . е ) Хасэхэм я лъэк1ыныгъэхэмк1э щ1агъэкъуэн яхуэхъурэ , яугъуеинымк1э ядэ1эпыкъун , ик1и апхуэдэурэ , Хасэ я нэхъ инхэр зыраухуэным яужь итын . ж ) Хэхэсу щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэрыгъэц1ыхун , зэблагъэхэр зэрыгъэгъуэтыжын , ди щ1эблэри зэдэ1эпыкъу зэдэпсэунымк1э хуэгъэсэн . з ) Здэщыпсэу щ1ып1эхэм я унэфэщ1хэми ядэлажьэурэ , Истэмбылак1уэмрэ , лапсэк1уэдымрэ къызэрыхъуамрэ зэрыек1уэк1амрэ ятеухуауэ ядэн хуэдэу унафэхэр къырагъэщтэн , щ1ып1эу щыпсэумрэ , Хэкужьымрэ зэрыщыщымк1э и щыхьэт тхылъхэр ( паспортит1 ) къыратынымк1э ядэ1эпыкъун . и ) Лажьэшхуэхэр яшэчу , ик1и щ1ып1э куэдыми икъухьауэ щыпсэу ди адыгэ - абазэ жылэр , ик1эщ1ып1эк1э я Хэкужьым къызырагъэзэжынымк1э дэ1эпыкъуэгъу яхуэхъун . 3. Ди Хэкужьымрэ , хэхэс адыгэ - абазэмрэ я зыужьыныгъэм теухуауэ , язэрыдэ1эпыкъуным хуэлэжьэн . 4. Лъэпкъ гузэвэгъуэм теухуа 1уэхухэмк1э , здэщыпсэу хэгъэгухэми , нэпэмыщ1 щ1ып1э зэщ1эхъеиныгъэхэми , щ1ыхъурепсэу зэщ1эхъеиныгъэ я нэхъ инхэми яхэтын папщ1э , лэжьыпхъэхэр егъэк1уэк1ын . Пщ1э зыхуэсщ1 ди жылэ л1ык1уэхэ , мыхэр дгъэзэщ1эфын хуэдэу дэ езыхэм упщ1эхэр зэттыжыфу зедгъэсэн хуеищ . ДАХ и хабзэм ( уставым ) итхэм теухуауэ сыт хуэдизыр дгъэзэщ1эфа ? Нобэк1э дызэплъэк1ыжымэ , мы щ1ыхъуреим дэтхэнэ щ1ып1эми щы1э ди Хасэ - зэщ1эхъеиныгъэхэмрэ , ахэм я тхьэмадэхэмрэ зыр зым зэдгъэц1ыху , ди жылэм , ди лъэпкъыжьым и тхыдэ инымрэ , адыгэ щ1энгъуазэм телэжьыхьынымрэ , ды бзэк1э дыпсалъэу , дытхэу зы щ1ык1эм дызэрек1уэл1эжынымрэ теухуауэ дызэрытелэжьыхьам нэмыщ1 , зыф1эдгъэк1ауэ , зы 1уэхушхуэ гуэри утыкум илъщ жыт1эу нахуэу тхужы1энукъым . Армырауи , ДАХ щызэхэтшэм щыгъуэ тхэлъауэ щыта ди гугъэхэмрэ ди гушхуэныгъэмрэ , нобэк1э апхуэдиз дыдэу тхэлъыжыркъым , ик1и , ар дэнэ къэна , куэдк1э нэхъ тхэщ1ауэ долъагъур . Илъабжьэмк1э къэдгъэлъагъуэну мы ди гугъэхэм ек1ун хуэдэу , куэд дыдэр тхузэф1эк1акъым . Илъэс 15 лъандэрэ къэдлэжьахэм теухуауэ дэрдэру зыдумысыжымэ , апхуэдэу мыхэр долъагъур ; - Зы тхыбзэрэ , зы тхыпкъылъэрэ ( алфабеирэ) зэдгъэпэщыфакъым , ди бзэр зэрыхэк1уэдэж а гъуэгу мыгъуэм нобэми дытетщ . - Ди Хэкужьым , адыгэ хэхэсхэм ящыщ куэдым едгъэгъэзэжынути , ари тхузэф1эк1акъым жып1э хъунущ . Гъэзэжынымрэ , ящыщ хъужынымрэ (и паспорт къе1ыхынымрэ ) нэхъ гугъу зыращ1ам теухуауэ , зиик1 дыпэувыфакъым . - Адыгэ – абазэ жылэм и 1уэху гузэвэгъуэхэр зыщхьэщытхын папщ1э , нэпэмыщ1 хэгъэгухэми я зэщ1эхъеиныгъэ инхэми дахыхьэу , ди 1уэху гузэвэгъуэхэр ахэм едгъэц1ыху , зы хэк1ып1э гуэрхэр къахуэдгъуэтынут . Ауэ нобэк1э УНПО зэщ1эхъеиныгъэ закъуэращ дызыхэхьэфари , ауэ ахэм дэр папщ1э къыщ1агъэк1а зы унафэми дэ езыхэм ек1урэ ещхьу дакъуэтыфакъым . Ди КАФФЕД зэщ1эхъеиныгъэри илъэсищ лъандэрэ иужь дызита мы 1уэхум , иджы мы Адыгэ Зэхуэсым мыр езым и зы пщэрылъ ещ1ыжыри зы унафэ тырыригъэщ1ыхьынум яужь ит хъуащ . - ДАХ и дэмыгъэри илъэс 15 хъуауэ и унафэр зик1 къэдмыщтауэ щытщ . - « Адыгэ Зэдэ1эпыкъуныгъэмрэ » « Адыгэхэр Зэрызэгуахьэжынымрэ » ( фондхэр ) дгъэлажьэу щ1эддзэфа щхьэк1э , ахэми хъун хуэдизу къыпытщэфакъым . - Хэкум ит ди Хэгъэгу Хасэхэм (парламетхэм ) я зэхуаку зы унэфэщ1 гупыф1 зэдаухуэри , ипэ зэхуэсхэри ящ1у хуежьа пэтрэ , Черкесск къыщыхъуауэ щыта я щыуагъэхэм , апхуэдэуи мы 1уэху дахэр ужьыхыжащ . - Тыркум , 1урдыным , Америкэм щыщ Хасэхэм ягъэгъуэлъын хуея я хэтыпщ1эр япшыныжа пэтрэ , адыреи Хасэхэм я щ1ыхуэхэр , адыгэ щ1ык1эк1э , гущ1эгъу хуащ1 хуэдэу , увы1э имы1эу ипэк1э ядзауэ нобэми ятелъщ . Ар папщ1эи мы ди зэщ1эхъеиныгъэми нобэк1э и 1эпэрыгъажэ 1уэхук1э зы гузэвэгъуэ хэлъ хъуащи , зыри тхузэф1эмык1у ди п1эм дитщ . Мыбы къыхэк1у , ди хэщ1ап1эри илъэсищ - пл1ы лъандэрэ зиик1 тхуэмыщ1ауэ къэнащ . - Тыркумрэ Арысеймрэ я зэхуаку дэлъ щэнхабзэм теухуа я зэгуры1уэныгъэхэри куэду къытщхьэпэфын пэтрэ , зиик1 ек1у дыхэтыфакъым . Иджы , ар папщ1э , хэхэс адыгэхэри я гузэвэгъуэхэм к1уэ пэтми нэхъыри хыхьэ хьуащ . - Адыгэ телевидение дыухуэу , динымрэ , анэдэлъхубзэмрэ теухуауэ гъэсэныгъэхэр етту , еджэн - тхэн едгъэщ1энымк1э 1уэхухэр едгъажьэу , ахэмк1э ди жылэм щыщ дэтхэнэ зыми далъэ1эсу дахуэлэжьэнут , ауэ , нобэк1э куэду ды 1уэхумыщ1эщи , ари зиик1 тхузэф1эк1акъым . Аращи , мы лъэхъэнэм 1уэху гузэвэгъуэ зы бжанэи ди1ащ . ДАХ и хэщ1ап1эр Къ.- Черкес Хэгъэгум щыщы1а и п1алъэм хуэзэу , щыуагъэ гуэрхэри къыщыхъуащ. ДАХ ищ1апхъэ и пщэрылъхэми къщымынэу , политикэ 1уэхухэми хагъэзэрыхьа хъуащ . Черкесски , Налшыки щек1уэк1а Зэхэусышхуэхэм щыгъуэ , гузэвэгъуэхэмрэ зэгурымы1уэныгъэ зы бжанэхэми дыхэтащ . Зэгъусэу зы гъуэгум дызэтехьа ди ныбжьэгъуф1хэми я жагъуэ тщ1ащ . Шэшэным щек1уэк1а зауэм нэужьк1э дзэм тепщэныгъэр щиубыдам , тыншу дыщылэжьэфакъым . Беслъэнымрэ Налшыкымрэ къыщыхъуауэ щыта 1уэху гуауэхэми ирихьэл1эу , ди зэхуэсхэри , ди лэжьыгъэхэри зэпыуда хъуащ . Мыхэм ещхьу щыт иджыри 1уэху мыхъумыщ1эу къэхъуа зы бжанэри къедбжэк1ыфынущ . Ауэ 1уэхум и адыреи лъэныкъуэмк1и ухэплъэу щытмэ , мы блэк1а лъахъэнэм , 1уэхуф1 зы бжанэри къыдэхъул1ауэ убж хъунущ . Апхуэдэу , Тыркур Европэм зэрыхэхьэну и гъуэгум щытетым , 1уэхуф1хэм я къежьап1э хуэхъуащ . Демократэ и лъэныкъуэк1э Тыркур зы гъуэгуф1 техьауэ , ик1и нобэми ирик1уэу убж хъунущ . Нобэк1э дэ дызэрыхуеим хуэдэ дыдэу ди 1уэхухэр къемык1уэк1ыми , ди Хасэ - зэщ1эхъеиныгъэхэр куэдк1э нэхъ хуиту лажьэ хъуащ . Зэлэжь хъуа ди жылэм къыщхьэпэн 1уэхугъуэхэри куэдк1э нэхъыбэ , ик1и нэхъ хуит хъуащ . Иджыри хъун хуэдизу дыримыкъуми , нобэк1э и нэхъыбэ хъу 1эпэрыгъажэк1э дыролажьэфыр . Хуиту лажьэу зы хэщ1ап1э ди1эщ . Ик1и , Къэбэрдеи - Балъкъэрым и Хэгъэгу Тхьэмадэу Зиусхъан Къэнокъуэ Бэшир и къуэ Арсенрэ , Адыгеими я Хэгъэгу Тхьэмадэу Зиусхъан Щэумэн Мэжид и къуэ Хьэзрэт сымэ хуэдэу , л1ы пэрытхэр , Хэкум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхуэлэжьэу ди1эщ .
4. ДАХ дызэрыщыгъугъухэр . ДАХ и унафэр япэ дыдэ къыщащтауэ щыта Тыркум , нобэ аргуэру дыщызэхуэсыжащ . Иджы , 2006 гъэм дитщ , ди гъащ1эми зэрыщыту куэду зэхъуэк1ыныгъэшхуэхэр игъуэтащ . Апхуэдэу илъэс 17 ипэк1э , ДАХ и унафэр щытщ1ым , хэлэжьыхьахэм ящыщу и зы бжанэр нобэк1э епсыхыжахэщ . Ахэри , Тхьэм здэк1уам щигъэтыншыжхэ . Аргуэру илъэс 17 ипэ ДАХ и унафэр щащ1ым , хэлэжьыхьахэм ящыщу я зы бжанэр зэрыфлъагъущи нобэми къытхэтщ . Ахэми Тхьэм гъащ1э к1ыхь къарит . Иджы псоми щ1эуэ зы пщэрылъ къытлъосыр . Илъэс 17 ипэ ди1а гушхуэныгъэр тхэлъу , аргуэрыжу Тыркум къыщежьэу , зы лъэхъэнэщ1э къыщ1эддзэжын хуеищ . Дгъэзэщ1эну дызыхуэныкъуэхэмрэ , тхуэмыгъэзэщ1ахэмрэ , иджы нэужь дыпэлъэщын папщ1э , псоми ипэ къихуэу , ДАХ и зэхэтык1эр ек1урэ ещхьу зэ къэгъащ1эрэщ1эжыну хуэныкъуэщ . Нэхъ ныбжьыщ1эхэми ящыщ зы бжанэри , апхуэдэу , мы ди 1уэхум зыхэтшэну дыхуэныкъуэщ . ДАХ и 1эпэрыгъажэк1э лъэк1ыныгъэ лъэщ и1эу зы зэщ1эхъеиныгъэу щытын хуэдэу , дылэжьэн хуеищ . Ари щытщ1ым и деж , ди блэк1ахэми дегупсысурэ , ахэми зы 1ущыгъэрэ зы ущиирэ къыхэтхыфу зедгъэсэн хуеищ . Мы къыжыс1ахэм теухуауэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми хъун хуэдизу зыдумысыжыфымэ , дэ КАФФЕД - Хасэ - зэщ1эхъеиныгъэм , нобэ щыщ1эдзауэ яужь дызитынухэмрэ ди гупсысэхэмрэ мыпхуэдэщ ; - Псом ипэ , ди хьэщ1эу хъуам , ек1урэ ещхьу зы хэгъэрей дэгъуэ зыфхуэтщ1у , ди жылэми зы щапхъэ хуэдэу яхуэхъун папщ1э , Зэхуэс дахэ едгъэк1уэк1ыну дыхуеищ . - ДАХ щаухуам , утыкум къитхьауэ щыта и хабзэхэм дек1уэл1эжын папщ1э , псори дызэгъусэу , зы унафэ тетщ1ыхьыжыну дыхуеищ . - Тыркумрэ Арысеимрэ я зэхущытык1эм ди зы лажьэ гуэри къыхэмык1у , ди жылэм я гузэвэгъуэхэм ди ф1эщу дытелэжьыхьын хуеищ . Кавказыми ек1урэ ещхьу зиужьыжын папщ1э , бэв дыдэу щыт и щ1ыгухэр ягъэлэжьэфыну , 1уэхущ1ак1уэ куэдым зэрыхуэныкъуэри долъагъур . Мыпхуэдэ 1уэхухэм яужь итыфыну ц1ыху куэди ди1эщ . Нагъэзэжу , я зэф1эк1ымрэ я гуащ1эмрэ Хэкум хуэлэжьэну мыпхуэдэ ц1ыхухэр , апхуэдэу Тыркуми Арысеими къащхьэпэнущ . - Ди бзэри хэмык1уэдэжу зетхьэжыфын папщ1э , игъуэ щыт 1уэхухэри едгъэк1уэк1ыпхъэщ . - Кавказым и 1уэхухэр куэду зэхэзыгъэзэрыхь Шэшэн заук1э зэджэр ик1эщ1ып1эк1э яуху , ек1у зы зэгуры1уэныгъэ я зэхуаку дэлъу , зы гъуэгу зэрытехьэжынумк1э дэри дыщ1охъуэпсыр .Сыхъуэрэх Кавказым щыпсэу лъэпкъу хъуар зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжу , зэдэпсэуныри ди гугъап1эщ . - 1998 гъэм , мэкъуэуэгъуэ мазэм Адыгэ Хэгъэгум и Тхьэмадэ Зиусхъан Джэрымэ Али и къуэ Аслъэн , и псалъэм хэту , « И к1эухыми къывжес1энур мыращ . ПСЫЖЬ и лъэныкъуит1ыри зы унэ хуэдэщ , ар псоми ди зэхэудэу ди зы унэщ , аращи , мы унэм псоми хэгъэреуэ зыфлъытэу , гук1и псэк1и фытыншу , фи 1уэху хъуар хуиту евгъэк1уэк1у , яужьк1эи , фыузыншэу фи жьэгу пащхьэ фек1уэл1эжынк1э Тхьэм солъэ1ур » . Ди зы щыщхэм ягъэзэжыныр я гу зэрилъыр , ди зы щыщхэми , илъэсым зэ мыхъуми хьэщ1ап1э нак1уэу щы1эну зыф1эф1 мы унэм , ар папщ1э и бжэр ягъэбыдэжынууи дыхуеикъым . Хэкужьым щы1э ди адыгэ - абазэ хэгъэгухэм , тхыдэм къазэрыхуихьу къырата ф1ыгъуэхэр , ямыгъэк1уэдыжу тхъумэн папщ1э дыздэвгъэлажьэ . - Кавказым бзэджащ1э ( терроризм ) 1уэухэр щек1уэк1ыну зыри дыхуеикъым , Арысеими , ди жылэм телъ и у1эгъэхэр зэригъэхъужынымк1э 1уэху зы бжанэ иригъэк1уэк1ыну дащогугъыр . Мыбы хэту , Налшык къыщыхъуа зэхэуэхэм , хэк1уэдахэм я хьэдэхэри , ахэр къызыхэк1а , къыщалъхуа я унагъуэхэм иратыжымэ , куэду игъуэрэ игъуэджэу 1уэху пэж зэрыхъунымк1э быдэу ди ф1эщ мэхъур . - Абазэ Хэгъэгум ирахьэл1а 1умпэмыгъэри якъутэжу , зы унафэ дахэ тыращ1ыхьыжыну дыхуеищ . - 2000 гъэм , Налшык щек1уэк1а ди Зэхуэсышхуэм щыгъуэ , зыхахужауэ щыта ди къуэшхэм ек1ужырэ , зэныкъуэкъуу хъуар лъэныкъуэк1э едгъэзу , нэхъ лъэщ зытщ1ын папщ1э , дыздэлажьэмэ , ди пщэрылъу хъуар нэхъ тыншу дгъэзащ1эурэ , ди гугъэу хъуар псори нэхъ къыдэхъул1энущ . Мы ди гугъэхэр , ДАХ дыхэту , нобэ щыщ1эдзауэ , псори дызэгъусэу дгъэзэщ1эфыну гугъэ ди1эщ . Апхуэдэу мыхъумэ , ди адыгэ - абазэ жылэм къыпэщылъ 1уэху хъуар зэф1имыгъэк1у , мы ДАХ , ауэ зы ц1э закъуэ хуэдэу къэнэжыну къыщ1эк1ынк1ирищ . Мы Зэхэусышхуэр ди гугъэу хъуам тету , унафэхэр тщ1ыфынк1э , фыкъыхузоджэр . Ар папщ1э мы 1уэхум теухуауэ къытхэхьауэ хъуам псоми ф1ыщ1э ин яхузощ1эр . И к1эухууи , куэду игъуэнэмысу епсыхыжа Къэлмыкъ Хьэмзэт и къуэ Юрэ жи1ауэ щыта псалъэхэмк1э сыухыну сф1эигъуэщ . 1993 гъэм , ди Зэхэусышхуэр щызэхуэтщ1ыжым ирихьэл1эу , и тхьэмадэу щыта Къэлмыкъ Хьэмзэт и къуэ Юрэ , Мыикъапэ къыщыдэк1 «Адыгэ Макъ» к1эзетым къыщыпсэлъауэ итамк1э , мы ди нобэхэми дыкъыхуриджэ хуэдэт . Зиусхъан Къэлмыкъым апхуэдэу , « Псалъэ дахэ куэд жыт1эу , унафэ дэгъуэхэри къатщтэу дызэбгырык1ыжынумэ , 1уэху куэд къытхуищ1энукъым . Ди 1эщхьэлъащхьэр дэдгъэджырэзеиуэ , нобэк1э дылэжьэнум игъуэджэщ . Блэк1а лъэхъэнэхэми мы ди жылэм ф1эк1уэдау хъуар псори аргуэру къедгъэхъул1эжын папщ1э , дэтхэнэ зыми , зэрытлъэк1к1э дыздэлэжьэн хуеищ . Зи гъащ1эр нобэк1э хэхэсу езыхьэк1 ди къуэшхэмрэ дэрэ , ди зэпыщ1эныгъэхэр нэхъ быдэ тщ1ыну дыхуэныкъуэщ . Ди жылэм и пэщхьэ илъ я гузэвэгъуэ хъуар , ДАХ и унафэщ1хэм зэрыщхьэщамыхыфынур къысгуро1уэр . Ар папщ1э , дэтхэнэ зы хэгъэгу унэфэщ1хэми , Хэгъэгу Хасэхэми , Хэгъэгу Тхьэмадэхэми , нэпэмыщ1у , ди 1уэху зыхэлъу хъуам псоми , ди жылэм и гузэвэгъуэхэр тщхьэщахынымк1э дадэлэжьэну игъуэджэу солъытэр . ДАХ хахыну унэфэщ1 гупыми , 1уэху дахэхэр здащ1эу , зэдэ1эпыкъурэ , ек1урэ ещхьу зэдэлажьэхэмэ , ди лъэпкъым и пащхьэ илъ я гузэвэгъуэхэр куэдк1э нэхъ мащ1э ящ1ыфынущ . Иджы , нобэк1э , мы дыщыпсэу ди лъахъэнэм , утхьэусыхэным нэхърэ , ущылэжьэнум и зы п1алъэщ . Ик1и , зэрытщ1эн хуеир аращи , дэтхэнэ зы лъэпкъыми езым и1э хъуа и гузэвэгъуэхэр езым зыщхьэщихыжыфыныр апхуэдиз дыдэу тыншкъым » .
KAFFED -
www.kafkasfederasyonu.org
|