Адыгэ Хъуэхъухэр

Япэ Iыхьэ: Iуэху Ублэ Хъуэхъухэр
Iуэху Ублэ Хъуэхъу


Ди тхьэ,
Тхьэшхуэ,
ПсынщIэ теIуэ,
ФIы теIуатэ,
Iэ ижьым егъэублэ,
Iэ сэмэгум егъэух.
УзыншагъэкIэ къедгъэхьэлIэж,
ГуфIэгъуэкIэ дыгъэшхыж!

МазэщIэ Хъуэхъу

МазэщIэу къытхуэунэхуар –
Мазэ угъурлы тхуэщI,
Мазэ узыншэ тхуэщI,
Мазэ уэфI тхуэщI,
ФIыгъуэ къытхудэгъакIуэ,
Дыдэгъэузыншэ!
Зауэ-банэ щымыIэу,
Дунейр мамыру щыбгъэтыну
Дынохъуэхъу,
ДынолъэIу!

УнэщIыхьэ Хъуэхъу
Унэу ящIар –
Уардэ унэжьу,
Выжь укIыпIэу,
ИкIым кърихьэу,
Къихьэм къринэу,
УнапIэ махуэу,
Борэм хуэдэу Iумахуэу,
Пхъэм и махуэр я бжаблэу,
Лым и пшэрыр я шхыгъуэу,
Хъуни шхыни щымыщIэу,
ЗыщыщIи щымыIэу,
Гъэ миныр гъащIэу,
Гъэ мыщIым хэмыкIуадэу,
Гу кIуэди къемыхъулIэу,
Тхьэм унапIэ махуэ фхуищI!
И гугъур яхуэмыIуатэу,
Матэ щIэдзауэ дыпсэууэ,
Псапэр хэтщIыкIыу,
КIыщыр дгъэгуфIэу,
Ди фIыгъуэ тIэкIур
Гъэбагъуэ!

Вабдзэ Телъхьэ Хъуэхъу
Вабдзэ махуэ тетлъхьауэ,
Жыр махуэ дыхуэзауэ,
ЩIы фIыцIэм и махуэр къигъэзэну,
Къигъазэр щIыгулъу лъэлъэну.
Хум и фIыпIэкIэ къызэрылъэлъыну
Сынохъухъу!
Мы вабдзэр зэIуса щIым
Бэвым и уэшхыр тешхэну,
Бэвым и хуабэр тепсэну,
Трасэ жылэр бэгъуэну
Тхьэм жиIэ!
Бийм яхуэмыгъуэн,
Дэ тхуэмахуэн!

Гъунэилъ Хъуэхъу
Я ди тхьэ,
Тхьэгъэлэдж,
Телъыджэр зи Iэужь,
Едгъэжьа Iуэхур гъэбагъуэ!
И гугъур яхуэмыIуатэу,
Матэ щIэдзауэ дыпсэууэ,
Псапэр хэтщIыкIыу,
КIыщыр дгъэгуфIэу,
Ди фIыгъуэ тIэкIур
Гъэбагъуэ!
Вабдзэм и махуэр щIэдгъэлъауэ,
Гъунэм и махуэр итлъауэ,
ЩIылъэм и хуабэр хыхьауэ,
Бэвым и кIыпIэм дытехьауэ,
Я дэ ди тхьэ, къыщIэгъэкI!

ЕтIуанэрей Iыхьэ: ВакIуэдэкI Хъуэхъухэр
***
Гъатхэр къыщысым –
Джэдхэр къакъэу,
Къыухэр гъуалъхьэу,
Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIым,
Ди вакIуэ лIыжь цIыкIухэр
ЗэрыIушрэ зэхуилъу,
Гъунэ къралърэ зэкIужу,
КъыдэкIуалIэрэ къыдэупщIу.
ЩIыуэ дызыхуэзэнур –
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу,
Абы мэшу къытекIэнур –
Бзий фIыцIэрэ цIиякIуэу,
Зы ху напIэм хуитI ису,
Лъэс цIыкIухэр –
Жыгыщхьэм исрэ къыкIэлъыплъу,
Ажэ жьакIэ хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэ хуэдэу уэндэгъуу,
Жэпкъыхъурэ щхьэпIащэу,
Iэтэ щийр зы хьэсэу,
Ар щытIуэжкIэ –
Пхыр и матэу,
Iэтэ и нэду,
Гъэсэгу и гулъэу,
Гужьхэр игъэщIыщIэу,
ГущIэхэр игъэпсалъэу,
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду,
Зэ кIыщтэгъуэр –
Ху гуибгъуу,
ЕтIуанэ кIыщтэгъуэр –
Ху гуипщIу!
Унагъуэ и гуэн пщIырыпщI зэбгъурыту.
Абы къыщхьэщыттыкI-ныщхьэщыттыкIым
Псапэри гуапэри иритщIэу,
Гъэ минкIэ дыгъэпсэу!

***
Мыр къызыхэкIа –
Тхьэгъэлэдж дыщэ,
Амыщ хужь,
Щауэр зыгъэлIыщIэ,
ВыщIэр зыгъэкъуэхъу.
Зыхуэхъум я шыIус,
Гъатхэр къыщысу,
Джэдыр щыкъакъэу,
Къазыр щыгъуалъхьэм,
Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIым,
ВакIуэ лIыжь цIыкIухэр
Зэрыхэшу,
ЗэIущащэу,
ЗэщэхуакIуэу,
КъекIуэталIэрэ къеупщIыжу;
ФIэбзыр я гъуазэу,
Вабдзэр я ужь иту,
Вагъэбдзумэр зэбгъурылъу,
ЩIым и гулъыр къыдрагъэзейуэ,
ЩIыуэ зыхуэзэныфIыр
ЩIым и махуэу,
Хум и кIыпIэу,
Уэшхым и лъагъуэрэ
ХуфIым и гъуэгуу,
Мэшу къытекIынур –
Благъэ мэшу,
Шынагъуэджэу,
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Зы ху напIэм тIу ису,
Лъэс цIыкIухэр къеплъакIуэу
Жыгыщхьэм ису,
Ажэ жьакIэ хуэдэ уфафэу,
Афэ гъуапэ хуэдэ уэндэгъуу.
Вагъэм къызэришрэ
Шауэм тещхьэукъуэу,
Езыр нэпкъыхъуу,
ЩхьэпIащэу,
Iэтэ щий зы хьэсэм иту,
Пхыр и матэу,
Iэтэ и нэду,
Хьэму зытрашэнум –
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду,
Зэ кIыщтэгъуэр –
Хугу гуибгъуу,
ЕтIуанэр –
Хугу гуипщIу,
Хугу пщIей-пщIей дыгъэкIыщтэ апхуэдэу.
Ахэр къызэретхьэлIэ ди выжьхэр –
Къуэхур бжьэ хужьу,
Вы хужьыр бжьэ фIыцIэу,
Уэгур бжьэпэплъу,
ДакIэлъыплъыжам дыгуфIэу –
Гъэ минкIэ дыгъэпсэу!

***
Гъатхэ къэхъурэ
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Джэдхэр къакъэу,
Къыухэр гъуалъхьэу,
Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIым
Пэгъухэр яупсэу,
ЩIым псэ къыщыхыхьэм
МэкъумэшыщIэхэм
«Губгъуэм дихьэнщ» щыжаIэу
Вэрэвийр щыщIащIэм,
ПхъэIэщэкIыр щаубыдым,
ПхъэIэщэжьхэр зэIущащэу,
ВакIуэ щIалэхэр
ЗэщэбакIуэу,
ЗэрыIушхэу,
Зэрешажьэхэу,
Зэрыхэшрэ зэщэхуакIуэу,
Зэхьэзэхуэрэ зэкIуэталIэу,
КъекIуэталIэрэ
ЩIалэхэр нэхъыжьхэм къечэнджэщу.
Я фIэбзыр я гъуазэу,
ЩIым и гулъыр къагъазэу,
ЩIыуэ дызытехьэр
ЩIым и махуэу,
Хум и кIыпIэу,
Вабдзэпэ уэгъуу,
ВэгъуэкIэ уэлбанэу.
Жэщ уэшхыр ебэкIыу,
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу.
Абы мэшу къытетхынур –
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Лъэрыгъыпсыфэм щIилъэфу.
Лъэс жыгыщхьэм исрэ кIэлъыплъу,
Бзий фIыцIэрэ цIиякIуэу,
Жэпкъыхъурэ щхьэпIащэу,
Вагъэм къызэришрэ
Шауэм тещхьэукъуэу,
Ажэр дэпхъуейм, нэмысу,
Жьым игъэсысым, пымыхуу,
Хышхуэм хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэм хуэдэу пылэлрэ
Жьырэ псырэ хэмыту,
Бэв хэлъу,
Узыншагъэ пылъу,
Пхыр и матэу,
Iэтэ и гулъэу,
Iэтэ щийр зы хьэсэу,
Зы ху самэр
Ху гуибгъуу,
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду.
Щэджыжьибгъур
Бгъуэрыбгъуэ ткIыщтэу,
ЯкIыщтар трашу,
УзыншагъэкIэ къетхьэлIэжыну
Сохъуахъуэ!
Ар къызэретхьэлIэж дивхэр –
Къуэхур бжьэхужьрэ
Хужьыр бжьэпэплъу,
Я фэр дахэрэ
Я къарур изу,
ДакIэлъыплъым,
ДыгуфIэу щрет!
Абыхэм ирилажьэ ди щIалэхэр –
ГъущIыпсэрэ псэ быдэу,
Зубыдым елъэщэкIыу.
Зытесхэр пщIэгъуалащхъуэу,
Куафэ щхъуантIэу,
Я щхьэр ягъэкIыу,
Я кIэр ягъэпщу.
Езыхэм данэ щIопщыр ягъаджэу,
Джэрэ бэрэ къэкIуэжхэу щрет!

***
Гъатхэ хъууэ,
Джэдхэр щыкъакъэу,
Къазхэр щыгъуалъхьэу,
ЩIыр къыщыбэгыу,
Гынхэр къыщыкIыу,
ВакIуэ щIалэхэм
«ВакIуэ дыдэкIынщ», жаIэу мурад щащIым:
ЩIыуэ здэкIуэнур –
ЩIым и махуэу,
Хум и кIыпIэу,
Бэвым и лъагъуэу,
Уэшхым и гъуэгуу,
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Лъэсыр худэIэбейуэ,
Ажэ жьакIэ хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэ хуэдэу уэндэгъуу,
Вабдзэр гъуалъэу,
ЩIыуэ ягъэгъуэлъам къытекIэр щыбатэу,
Iэтэ щий зы хьэсэу,
Зы ху самэр ху гуибгъуу,
ЛIы и самэ бгъурыбгъу къыдэт!

***
Гъэрэ щIырэ зэхэкIыу,
ВакIуэ дыщыдэкIкIэ
Джэдхэр къакъэу,
Къазхэр гъуалъхьэу,
Вабдзэ Iулъхьэ Iурагъалъхьэу,
Вабдзэпэ уэгъуу,
ВэнгъуэкIэ уэшхыу,
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу,
ХъеркIэ тшхыжыну,
Гъэ бэвышхуэ къыдит!
Зы махуэр гъэмахуэ щиуасэм –
ДилI, див, дигу,
Ди пхъэIэщэ хуэдэхэмкIэ
ИкIэ дыкъимыхуэу,
Махуэ тфIэмыкIуэду,
Губгъуэм дызэдихьэнщ!

***
Уэ Тхьэгъэлэдж дыщэ,
Зыхуэхъум я псапащIэу,
Зыхуэхъум я шыIусу,
Ажэ жьакIэм хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэм хуэдэу уэндэгъуу,
Вагъэм щызэрызешэу,
Шауэм дэщхьэукъуэу,
Жэпкъыхъууэ,
Щхьэ пIащэу,
Iэтэ щий зы хьэсэу,
Зы ху самэр ху гуипщIу,
Унагъуэ и пщIэ кIыщтэгъуэ зырыз
ХъеркIэ тшхыжыну, тхьэшхуэм къыдит!
Гъатхэр къэсым –
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Джэдхэр къакъэу,
Къыухэр гъуалъхьэу,
Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIым
ВакIуэ щIалэхэр зэрыдэшу,
Зэрешажьэрэ
Мэкъумэш щIапIэхэм зэдихьэу.
ФIэбзыр гъуазэу,
Вабдзэжьыр илъэфу,
Вагъэбдзумэу зэбгъуралъхьэхэм
Уэсэпс махуэ къатехэу,
ЩIыгулъ махуэ къателъалъэу,
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу.
Гъавэу тщIахэр
Жэпкъыхъуу, щхьэ пIащэу,
Зы напIэм тIу ису.
Къищэщым гур хэхъуэу,
Щауэр игъэхыщIэу,
ВыщIэр игъэкIуэхъуу.
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Лъэсыр худэIэбейуэ,
Зэ Iуэгъуэр гуибгъуу,
ТIэу Iуэгъуэр гу пщIейуэ.
Ди гуэн гъуэжьхэр зэбгъурыту,
Яку дэт гуэн гъуэжьым
Къещэщэха-нещэщэхахэм
Нысашэ-гушыIэ хэтщIыкIыу,
Бэрэ дыгъэунэ, дыгъэжьэгу!

***
Тхьэгъэлэдж и лъэныкъуэ,
ГъатхэфI тхьэм дригъажьэ.
Гъатхэри къэсу,
Уэсри текIыу,
Джэдхэри къакъэу,
Къазхэри гъуалъхьэу,
Бдзэжьейхэри джэгуу,
ШкIащIэхэр бууэ,
ВыщIэхэр гъуахъуэу,
Вабдзэм Iулъхьэ хуащIу,
Хъарбыз щIэнхэм хуэпIащIэу,
ПцIащхъуэхэм уэрэд жаIэу,
Бжэндэхъухэр зэщIэфиежхэу,
Хьэрхьупхэм –
«ВакIуэ фыдэкI» – жаIэу,
Гъатхэ вакIуэхэр щыдэкIкIэ
Уэ ди хьэжьхэр
Бгыпэм къыщыкъугъхэу,
Ди выжьхэр зэрызекъуэу,
ДилIхэр зэдэууэ,
Дивхэр екъурейуэ,
Ди фызхэм
ВакIуэ мэжаджэ ягъажьэу,
Ди щIалэхэм
Выщхьэ тесыным зыхуагъасэу,
Ди хъыджэбзхэм
ВакIуэ щIалэхэм ба къыхуащIу,
Ди нысащIэхэм
Жэщ Iуэхур ягъэхуабжьу,
Ди щIалэхэми
«ВакIуэ хэс дыкIуэнущ», жаIэрэ хуэгумащIэу.
Гъатхэ щынэхэр я нышу,
ВакIуэ махъсымэр я куэду,
Я дзажэжьхэр пщыIэпхэм фIэдзауэ,
Хьэсэпэм дыщыхэтIысхьэм –
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
ЩIым и фIыцIэр –
Мэшым и кIыпIэу
Тхьэм дыхуигъазэ!

***
Тхьэгъэлэдж нэху щыхыфIэдзэкIэ –
ЛъэныкъуищкIэ тетсэу,
ЛъэныкъуитIкIэ тетлъафэу.
КъэкIыу хуежьэм –
Вагъэм къызэришу,
Шауэм тещхьэукъуэу,
Къэтшэжыну дыкIуамэ –
ВыщIэхэм ираIуэнтIыхьу,
Гужьхэр кIыргъыу, выжьхэр тIысу,
Хьэмым къытетшэм –
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду,
Хьэмым темыхуэу,
Зы ху напIэм тIу ису,
Щэджыщхьэм пхыр дэдзеиным
ЛIы хэплъыхь дигъэщIу,
Самэр зыкIыщтэр къыкъуэмыщу,
Iэтищым ху къэпипщI къыщIэкIыу.
Хъер пылъу,
Апхуэдэ бэв къыдэт!
Уэ дыхуэши къыдэт,
Уэ къытхуэши къыдэт!

***
Уей, лъхукъуэщоулIу вакIуэлIхэ!
ВакIуэ дэкIыгъуэщ щыжаIэу,
Уэрамхэм джакIуэ къыщащIым,
Ар сытым и зэман жыпIэмэ:
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Щхъуэ гъуджэу,
Джэдхэр ину щыкъакъэу,
Къазхэр мину щыгъуалъхьэу,
ЩIыр щыбэгыу,
Бгыр щыщхьэлъэу,
Ди вабдзэм телъхьэ щыхуэтщIу,
ФIэбзыр щыфIэтлъхьэу,
ФIэбзыр и гъуазэу,
ЩIыуэ дгъэгъуэлъыр –
Бэвым и лъагъуэу,
Уэшхым и гъуэгуу,
ЩIым и махуэу,
Хум и кIыпIэу,
Щыщыт зэману,
Зы махуэр гъэмахуэ щиуасэм –
ДилI, див, дигу,
Ди пхъэIэщэ хуэдэхэмкIэ
ИкIэ дыкъимыхуэу,
Махуэ тфIэмыкIуэду,
Губгъуэм дызэдихьэнщ!

***
Губгъуэу дызэрыхьэм –
Жылэу щIым хэдгъэхьэм
ДолъаIуэ къыдитыну:
Бзий фIыцIэу,
Хьэсэм къызэришу,
Шауэм дэщхьэукъуэу,
Къурей губгъуэр къыздиубыду,
Къытхуэхъуа мэшыр къэтхыжмэ –
Зы дестынэр Iэтэ щибгъуу.
ТIуэну ди хьэмым щытетшэм –
Зы самэр гуибгъу я хьэлъэу,
Зы лъэхъий тетлъхьамэ, самитIу,
Лъэхъий етIуанэр самищу,
ЦIыху къэс апхуэдэу
Къыдиту лъэхъий пщIей-пщIей.
Ди хьэм гъунэр гуигъэзу,
Ди хьэм нэзыр гуиуду.
ТкIыщтэу ди гуэным иткIутэжа нэужьи
Абы имыхуэу къэнам
Гуапэ,
Псапэ хэтщIыкIыу
Ди тхьэ, къыдэт!

***
Гъэрэ щIырэ зэхэкIыу
ПхъэIэщэхэр къралъэфажьэмэ,
Джэдыр къакъэу,
Къазыр гъуалъхьэу,
Вабдзэ Iулъхьэр Iуалъхьэу,
ПхъэIэщэхэр щагъэпскIэ
Я джыдэхэр маисэу,
Бзэжьым хуэдэр я пхъэIэщэу,
Вабдзэпэ уэгъуу,
ВэныгъуэкIэ уэшхыу,
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу,
Жэпкъыхъуу,
Щхьэ пIащэу,
Ажэ щыщIэр дэIэбеймэ, лъэмыIэсу,
Жьым игъэсысымэ, щIэмыщхьэу,
Лъэрыгъынэм ирилъэфу,
Лъэсыр худэIэбейуэ,
Ажэ жьакIэм хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэм хуэдэу зэришэу,
Шауэм тещхьэукъуэу,
Iэтэ щийр зы хьэсэу,
Унагъуэ къэс
ПщIэ кIыщтэгъуэ зырыз къахуэзэу,
Я гужьыр зэщIигъэщIыщIэу,
Я выщIэхэр игъэувыIэу,
Я гуэнибгъур зэбгъурыту,
Я кум дэтыр зыхуэфащэм ирату,
Гуэн зэгуэудам дэлъэлъахэри
Къуалэбзум я шхыну,
ЩымыщIэу, мыкIыщхъыу,
Тхьэгъэлэдж щымыщIэу
Дунейм дытегъэт!
Нобэ вакIуэ дыдокIри
Вэгъуэ махуэ дытехьэу,
ВакIуэдэкIыр ди тхъэгъуэу,
ВакIуэихьэжыр гуфIэгъуэу,
Ди тхьэ, мэшыр бэгъуэну.
Гъунэ итлъыр щIы пшэру,
Вым и пшэркIэ дывэну,
Шы шагъдийкIэ дыхэну.
ЛIыуэ дзыхэ тхэмыту,
Тхэту хъуари дызэшу,
Еш лъэпкъи дымыщIэу.
Гъавэу зэдэтщIэр зэдэдлэжьу,
Ди лэжьапщIэр зэдэдгуэшу,
Мэшу дгуэшыр гуэнибгъуу,
Гуэдз къытлъысыр гуэнипщIу.
ШыуанипщIкIэ лыр дгъавэу,
ЛэгъупипщIыр махъсымэу.
Ди псэукIэр зэхэту,
Дызыхэтым дадекIуу,
ЩIалэу диIэр екIу защIэу,
Пщащэу диIэр гумащIэу,
ЯщIэр IэфIу,
ЯфIэфIыр яIэу,
Я Iэм дыщэр къыпыщу,
Я пщэдейр гуфIэгъуэу,
ХьэгъуэлIыгъуэ хэмыкIыу,
ХыхьэхэкIым хуэIэзэу.
Зауэ-банэ дымыщIэу,
ЩIалэгъуалэр псэуну.
Нэрэ-псэрэ дахуэхъуу,
Хъуэхъуу жытIэр тхуэбатэу,
ГъэфI и тыгъэ тхьэм къыдит!

***
Гъатхэу дызытехьэр:
ГъатхэфIу,
ГъэлъхуэфIу,
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Джэдхэр къакъэу,
Къыухэр гъуалъхьэу,
Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIым
ВакIуэ щIалэр зэрыдэшу,
ЩIыр щагуэшкIэ зэхуилъу,
Гъунэ щралъкIэ зэкIужу.
ЩIым и махуэмрэ
Хум и кIыпIэмрэ дыхуэзэу.
Вагъэбдзумэу зэбгъуралъхьэхэм
Уэсэпс махуэр къытехэу,
ЩIыгулъ махуэри къытелъалъэу,
Мэшу ящIэри жэпкъыхъуу,
Щхьэ пIащэу,
Ажэ жьакIэм хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэм хуэдэу зэрызэшэу,
Вагъэм къызэришрэ
Шауэм тещхьэукъуэу,
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Зы ху напIэм тIу ису,
Лъэсыр худэIэбейуэ.
Щауэр игъэхыщIэу,
ВыщIэр игъэгъуахъуэу,
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду.
Зэ кIыщтэгъуэр ху гуибгъуу,
ТIэу кIыщтэгъуэр гу пщIейуэ,
Ху гъуэжь гуэнибгъу зэбгъурыту,
Яку дэт ху гъуэжь гуэным
Къещэщэха-нещэщэхахэм
Нысашэ-гушыIэ хэтщIыкIыу,
Дунейм фIыкIэ дытегъэт!
Дэ зэхэтым:
Гъавэр, выр, шыгъур, гъущIыр, хугур,
Гуэныр диIэу,
Гум и щIасэу,
ГухэщI дымылъагъуу,
Тлъэгъуар тIуэтэжуи
Дунейм фIыкIэ дытегъэт!

Жылэ Тесэ Хъуэхъу
Ди тхьэ!
Жылэ махуэ тедгъасэ,
Тезысар гъэузыншэ,
Зы лъэдийм щхьэмыжитI къыпыгъакIэ,
Зы ху напIэм тIу ирегъащIэ!
Бэвымрэ берычэтымрэ къыхэлъхьэ,
УзыншагъэкIэ къедгъэхьэлIэж,
ГуфIэгъуэкIэ дыгъэшхыж!
Бэракъ Хъуэхъу
Мы хэку жылэжьхэр –
Уардэ унэжьу,
Выжь укIыпIэу,
УнапIэ махуэу,
Пхъэм и махуэр я бжаблэу,
Бэгъулыгу зэтету,
Гуфэ зэтеткIэ къыдашэу.
Я нысаши мылэчу,
Зэпымычыжыр я хъуэхъуу,
Ди хъуэхъум ипэр щIыдодзэ!
Ди уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Джэдхэр къакъэу,
Къыухэр гъуалъхьэу,
Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIкIэ:
Пэгъур яупсу,
ЩIым псэ щыпищIэкIэ,
ДызэупщIыжрэ дызэхыхьэу,
Губгъуэм дихьэнщ щыжытIэм,
Вэрэвийр зэщIэтщIэу,
ПхъэIэщэкIыр щаубыдым –
ПхъэIэщэжьхэр Iущащэу.
ВакIуэ щIалэхэр
Арэзыуэ зэрыIушу,
Зэрешажьэхэу,
ЗэрыIушрэ зэщэхуакIуэу,
ЗэхэзекIуэрэ зэкIуэталIэу,
КъекIуэталIэрэ
Нэхъыжьым къечэнджэщу,
Ди щауэлIкIэ
Гузагъи тхьэм къыдит!
Я фIэбзыр я гъуазэу,
Къагъазэр щIым и гулъу,
ЩIым и гулъыр дызэтетыр –
ЩIым и махуэу,
Хум и кIыпIэу,
Вабдзэпэ уэгъуу,
ВэгъуэкIэ уэшхыу,
Жэщ уэшхыр ебэкIыу,
БэвыкIэ гъуэгуу,
Лэгъупыкъуфэу,
Ди тхьэ, дяпэкIэ къыдэт!
Мэшу къытетхынур:
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Лъэрыгъыпсыфэм щIилъэфу,
Уафэм дэджэгуу,
Уэгум итри къебзейуэ,
Бзий фIыцIэу,
ЦIиякIуэу,
И дэкIуеикIэр жэпкъыхъуу,
Хъуэхъубэ щхьэ пIащэу,
Вагъэм къызэришрэ
Шауэм тещхьэукъуэу,
Къуэкъуэижь дэпхъуейми нэмысу,
Жьым игъэсысми пымыхуу.
Хышхуэм хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэу пылэлу,
Жылэ псори хуэбатэу,
Матэу пхырыр мыIэту,
Iэтэ щийр зы хьэсэу,
Зы ху самэр ху гуибгъуу,
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду.
Щэджыжьибгъури
Бгъуэрыбгъуэ ткIыщтэжу,
ЯкIыщтар трашрэ,
УзыншагъэкIэ тшхыжыну
Нобэрей бэракъым сохъуахъуэ!
Хъуэхъушхуэр къызэрыдлэжь
Ди Iэщхэр:
Къуэхур бжьэхужьрэ
Щхъуэжьыр бжьэпэплъу,
Плъыжьыфэу,
Джэмыдэжьыр бжьэтIейуэ,
Деуэми, яфэм щызу,
Гузэвэгъуэншэу
Мэкъумэш къретшэлIэжыну сохъуахъуэ!
Ди щIалэхэр
ГъущIыпсэу
Псэ быдэу,
Зубыдым елъэщэкIыу.
Зытесхэр
ПщIэгъуалащхъуэу,
Куафэ щхъуантIэу,
Я щхьэр ягъэкIыу,
Я кIэр яудэу,
Данэ щIопщыр ягъаджэу,
Зэджэ-зэбэр я гупсэу,
Псыблэм хуэдэу заупщIу,
ПцIащхъуэ лъатэм къыдэжэу,
И жэрагъыр алъпыжьу,
Ди ныбжьыщIэхэр ирегъэпс!
Iэщ цIыкIухэу хъупIэ техьэхэр
Къандзэгубэм дэбагъуэу,
ЗэщIэгъуэр ди щIэжьейуэ,
ТiурытIылъхурэ
Бзырылъху защIэу.
Къалъхур япIрэ
Я щхьэри япIыжу.
БжыгъэкIэр щийуэ,
Дэуейрэ къыпыджэгукIыу,
КъыпыджэгукIри мылъытэу,
Мылъытэжыххэр и щIэблэу,
Гуэлым хуэдэр ди гъэшу,
Шэрхъым хуэдэр ди кхъуейуэ,
Унагъуэ уардэу
Хэкур тхьэм дигъэпсэу!
Бэракъыр зыщагъэув унагъуэм –
Я фызибгъу шатэ зэIащIэу,
ФызипщIым джэдыр яфыщу,
ПщIыпщIыжу къызэкIуэцIычыр я фадэу,
Уэрэд жызыIэр я хъыджэбзу,
Имызу псалъэр я нысэу,
Гуэлым хуэдиз я гъэшу,
Я шыхъужьи мыныбаблэу,
КъеблэкIар я афэу,
Домбеифэ бгъэну,
Зы губгъэни ямыIэу,
Нэхъыжь яIэм пщIэ хуащIу,
ДэщIэр быдэу иригуэу,
Сэжь Iузыгъуэр я лыжьу.
Я гъавэжь пшатхъуэ трихьарэ,
Я хьэмыжьи щэджыжь увыпIэу,
УнапIэр я махуэу
Дунейм тхьэм тригъэт.

Ещанэрей Iыхьэ: Амыщ и Хъуэхъухэр
***
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Iэщ цIыкIур хъупIэм щихьэжкIэ –
Хъуныжьыр ягъэщIыщIэу,
ХъуныщIэри абы къыщIэту,
Езыхэр тIурытIылъхуу,
Къалъху мыкIуэду,
Миныр ущу,
Щийр джэгуу,
НеджэгуэкI-къеджэгуэкIыу абы пыкIхэм
Нысашэ-гушыIэхэр хэтщIыкIыу
Апхуэдэ хъер къыдэт!
Вагъуэм хуэдизыр
Ди мэлу,
Тхуэмыбжыжыр ди Iэщу,
Гуэлым хуэдизыр ди гъэшу,
Шэрхъым хуэдизыр ди кхъуейуэ,
Гъэ минкIэ дыгъэпсэу!

***
Мэлыр къыдэт къащхъуэу,
ЩхъуантIэу,
КIагэу,
Гейуэ,
ТIурытIылъхурэ
Бзылъху защIэу,
Къалъхур япIрэ
Я щхьэр япIыжу,
Миныр ущмэ,
Щийр джэгуу,
Пшагъуэмрэ дыгъужьымрэ яхуэмыгъэмащIэу,
Абы къыпыджэгукI-ныпыджэгукIым
Iуэхутхьэбзэ хэтщIыкIми,
ХэмыкIуэдыкIыу къыдэт!
Гъэрэ щIырэ зэхэкIыу
Гъэлъхуэщым дихьэнщ щыжаIэкIэ,
Iэхъуэм «Уой-соу!» жиIэу,
Шыхъуэм «Ей-сий!» жиIэу,
Мэлыхъуэм «ХъуррейтI!» жиIэу,
Я Амыщ кIэ тIейуэ,
Я уэгуш бжьэ пэплъу,
Я гуэзнэчыр абы илъу,
Я хьэкхъуафэр абы кIэрыщIауэ.
Я хьэхэр я ужь иту,
ГъатхэфI тегъэхьэ!
ТIурытIылъхуу,
Бзылъху защIэу,
КIагэрэ гейуэ,
КIэрыхугъэ ямыIэу,
Iуэм мэлыр дэзу, ебзыр яутэу,
Берычэтыр хэлъу,
Мэлыр гъуэуэ, щынэр гъуэгыу,
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Минхэр ущу, щийхэр джэгуу,
Губгъуэжьым тету,
КъыпыджэгукI-ныпыджэгукIым
Нысашэ-гушыIэ хащIыкIыу,
Гъэлъэхъу щыщIэу къыхэкIыр
Тыхь ящIу,
Вагъуэм хуэдэу яхуэмыбжу,
Ят пэтми яхуэмыухыу,
Къыдэхуэ-ныдэхуэри
Къэт-нэткIэ хурикъуу,
ХъеркIэ яшхыжыну,
Уэ ди тхьэ, яхуэгъэбагъуэ!

***
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Iэщ цIыкIухэр хъупIэм щытехьэкIэ
Къандзэгубэ хуэдэр ди мэлу,
Чачэрэ гийуэ,
ТIурытIылъхурэ бзырылъху защIэу,
Къалъхур япIрэ я щхьэр япIыжу,
Хъуныжьыр ягъэщIыщIэу,
ХъуныщIэри абы къыщIэту,
Миныр ущрэ щийр джэгуу.
КъыпыджэгукI-ныпыджэгукIми
Мэлыхъуэжьхэм
Нысашэ-гушыIэ хащIыкIыу.
Вагъуэм хуэдизыр
Ди мэлу,
Тхуэмыбжыжыр ди Iэщу,
Гуэлым хуэдизыр ди кхъуейуэ,
Гъэ минкIэ дыгъэпсэу!

ЕплIанэрей Iыхьэ: Iэнэгу, Нысашэ, Щауэишыж Хъуэхъухэр
Iэнэгу Хъуэхъухэр
Уэ ди тхьэ,
Тхьэшхуэ,
Анэдолэ,
Дыщэ къуэладжэ,
Мы унагъуэр –
Уардэ унэжьу,
Выжь укIыпIэу,
Нарт ефапIэу,
УнапIэ махуэу,
Пхъэм и махуэр я бжаблэу,
Я бланэлри зэтету,
Гуфэ зэтетхэри къыдашэу,
Пхъэхьэ-псыхьэри щауибгъуу,
Фызибгъум кIадэр зэIащIэу,
ФызипщIым джэд ягъэхъуу,
Я хъуэхъури мэлэчу,
Къызэгуэзычри я фадэу,
Гъэ мин гъащIэкIэ гъэпсэу!
Вы нышыр яукIыу,
Уэрэд жызыIэр я хъыджэбзу,
Мызу къэзыкIухьыр я нысащIэу,
Я IусыщIыр дарий кIэпхыну,
Тепщэчхэр зэрыту сырэм къыдахыу,
Къум ахъшэр пхъуантэм дэзу,
Уэзий усалъэ щымыщIэу,
Гъэ мин гъащIэкIэ гъэпсэу!

***
И нысэ къишар
Мэл хуэдэу Iущащэу,
Щынэ хуэдэу Iущабэу,
Джэд хуэдэу быныфIэу,
ХьэфI хуэдэу Iумахуэу,
ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу,
Къуалэбзуубзэу,
Убзэрэбзэжу,
Жыхапхъэр илъэфу,
Унафэр иримыхыу.
Джанэ Iэщхьэхъуу,
Щауэ хъурылъхуу,
Къилъхур иузэду,
Идыр мытIэпIу,
Мыпэщэщалэу,
Мыгъуэлъыгъуейуэ,
Iупэм епщIу,
ЩIыфэм екIуу,
Боз, Мэрзей, Самыр,
Зэхэхуэ-зэхэщIэми
Дарий пщIей
И гуащэ пащхьэм къыдигъэкIуриеу,
Къыздрашам –
Лъэдакъэ махуэ къыщинауэ,
Къыздашам –
Лъапэ махуэ къахуихьауэ
Тхьэшхуэм ищIыну долъэIу!

***
Унагъуэу дыщыхъуахъуэм –
фызибгъум шатэр зэIащIэу,
ФызипщIым джэдыр зэдахъуу,
Я чейр зэгуэзуудыр я фадэу,
Iэнэр зыкъутэр я шхыну,
Зэпымычыжыр я хъуэхъуу,
Уэрэд жызыIэр я хъыджэбзу,
Имызу псалъэр я нысэу,
Я маисэр я кIэ къуагъ къуэлъу,
Вагъуэм хуэдизыр я щIалэу,
Гуэлым хуэдизыр я гъэшу,
МыувыIэжыххэр я щхьэлу,
КъеблэкIар я афэу,
Домбеяфэр я бгъэну,
Зы губгъэни ямыIэу,
Я нэхъыжьым
Дзажэ дакъэр и Iусу,
Я сэр лыжьым къыIуигуэу,
Я хугум пшатхъуэ трихьэжауэ,
Я нысащIэхэм
Дарий кIэпхынкIэ къакIухьу
Дохъуахъуэ гъэ минкIэ псэуну!
Ди хъыджэбзхэр –
Къэрэкъатинэу,
Бэрэтинагъуэу,
Данагъуэ Iупэу,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,
Щхьэнтэм тесым – тхьэрыкъуэу,
Заукъуэдиямэ – аслъэну,
Аслъэным и сокур я щхьэцу,
Кърым бжьэхуцыр я щIыфэу,
Я нэкIу цIыкIуитIыр сэхусэплърэ,
МыIэрыситIыр я быдзу,
Я нитIыр вагъуэрэ лыдыжу.
Мазэу къурашэр я набдзэу,
Я псалъэр IэфIрэ
Я Iуэхур ефIакIуэу,
Я нэмысыр инрэ
Я акъылыр изу,
ЩауэфIхэм я ныбжьэгъу пэжу,
Хэкушхуэм япхъу пэрыту,
Дахащэхэр куэдрэ ирепсэу!
Я щIалэхэм –
«Дэ дежьэнщ»,
ЖаIэу мурад щащIым деж:
Я гъуэгур бзэпсу,
Я псыр чэнжу,
Дыщэплъри я пащIэу,
МазэщIэр я натIэу,
Хы мылыр къащIэу,
Хы щIанэр къагъуу,
Выгъуэр ягъэдакъэу,
Гъэ мин гъащIэкIэ гъэпсэу!
Ар зи жагъуэу
ЕкIэ ди ужь къихьэм
Я пкIэунэм
Жумэрэн щыущу,
Я хьэщIэщым
Дзыгъуэ щитI щыджэгуу,
Я шхыIэныжьым бацэ къилэлу,
ЦIамыщхъийр я гуфэу,
ГупхъэтIэкIуншэу,
Гулъэмыж къуаншэу,
ЛIитI зы уэщу,
ЛIищ зы хьэму,
Я хьэмэщ щэджыншэу,
Хьэншэ унэу,
Мырамысэ бэщIрэ
УнэлъащIэ фIейуэ
Ирепсэу!
 


Адыгэ алыфбер / Adýge Alfabesi
Adyghe (Circassian)  Alphabet

Адыгэбзэм и нобэрей алыфбейр / Adýge Alfabesi ve Latin AIfabesindeki Karþýlýklarý
Circassian (Adyghe) Alphabet & Respons in Latin Alphabet

Бжыгъэхэр, Махуэц|эхэр, Мазэц|эхэр / Sayýlar, Günler, Aylar
Numbers, Days, Months

Сэлам тык|эхэр / Selamlaþmalar
Greetings

Адыгэ псалъэжьхэр / Adýge Atasözleri
Circassian Proverbs

Истамбылак|уэ

Yistambilakue

Materyaller / Materials




Articles, Publications & Documents | Links  |  Last Updates  |  Archive  |  About Site  |  Home Page  

Please send your comments, opinions, questions and suggestions by e-mail : info@circassianworld.com