|
Къуэдзокъуэ Лэкъумэн
Усэхэр
ПСЫ Ц|ЫК|У
Къум дэгу мэзыншэу губгъуэ джафэм
И псыпэр п|ащ|эу ныпхегъэк|.
Гъуэгу нэшэкъашэм и унафэм
Тек|ын а псыпэ мхулъэмык|.
Зэшыгъуэщ, фэншэщ пшахъуэщ губгъуэр.
Ауэ псы ц|ык|ум макъ тхьэгъуш
Дунейм хуегъаджэ и щ|эщыгъуэу,
Къыф|эщ|у къумыр къигъэуш.
А макъыр зыхищ|энущ псэк|э,
Къихьам къум нэщ|ым хьэщ|э гуэр.
Псы ц|ык|ум къек|уэл|эн хулъэк|ым,
Щ|энами, щ|эк|ыжынущ лъэр.
Пшахъуалъэ гъугук|э къумыжь псэншэм
Нэрыгъыу щхьэ укъилъэда?
Сыт зыхуэпабгъэр уи псэ зэшыр?
Мураду батэр зыхуэбгъэшыр
Къэплъагъуу уи гур хуэлыда?
...............................................................
Модэ жыжьэу къыр задэжьхэм
Адэк|э хышхуэр щоукъубей;
И толъкъунхэр къызэдэжэм,
|уфэ гъагъэр яугъуей.
Псы щымы|э хым хуемы|э,
Зэрынэсуи хок|уэдэж...
Мы псы ц|ык|ури, псэху имы|эу,
Губгъуэм пхожри зым мэк|уэж.
ТХЬЭУСЫХАФЭ
Зи гуащ|эр ин! Щхьэ сыбгъэщ|а
Мураду щы|эм я нэхъ уардэр?
Сыт мы дункйп зыхуигъэщ|ар?
А упщ|эр си гум къыподъадэ.
Щхьэ схуэмышы|эу сыщ|эхъуэпсрэ
Дункйм и щэхухэр къэст|эщ|ын?
Акъылк|э ц|ыхур здынэмысым
Щхьэ ф|эф| мы си псэм зыпищ|эн?
Сэ къыспэщытыр схуэбухарщи,
Скъутэн схуекункъым уи |эмыр.
Хъуэпсэгъуэм си гур дихьэхащи,
Сыл|эху згъэф|эну сыхьэзырщ.
Ауэ, къэхъу псорм зи |эщ|агъэ,
Къару нэхъыбэ къызэптам,
Сф|эщ|ынт насыпыр къысхуэблагъэ,
Сызыщ|эхъуэпсыр къэзгъуэтау.
Сыт дунеишхуэм и уардагъри,
Хэбдзын хэмылъу и дахагъри,
Псэ зыпыт псоми я псэуп|и
Нэм щ|имыубыдыр нап|эзып|эм?
Щхьэ си акъылым зыпхимыдзрэ
Дунейр къарук|э зезыгъак|уэм?
Ц|ыхуи гъупщчии зэхимыдзу
Хэт гъащ|эр ящызыщ|ыр гуак|уэ?
.............................................................
Ат|э къэгубжьу Ухыгъэшхуэм
И ф|ыгъуэ псори сщигъэпщк|уа?
Сы|уимыгъаплъэу и зы щэхуи
Къысщ|энэк|эн къригъэк|уа?
Хъуэпсэгъуэ лыдым нэр ирифу.
Слъэмык|.... сык|уэда?
Е си ажалым ...
ЖЭЩ
Махуэм псэху имы|эу лажьэри
Дуней псори хыхьак|эщ пщ|ыхь.
Уэгур нэхущ, мыба макъ гуэри къэмыцырхъ.
Къэ|укъым бзум и лъатэ макъи,
Я уэрэди зэхыумых.
Мазэр плъыр мыгъуэлъщи, сакъыу
Гуэл жеяхэм къыхуоплъых.
Гуащэ фагъуэрщ вагъуэ бынхэм
Жей имы|эу къахэнар.
Уафэ губгъуэм и|э гъунэ?
К|уэнырщ, к|уэнырщ къыхуэнар.
Жэщ вагъуэбэм зиущэхуамэ,
Сыт дахагък|э къыпэхъун?
Мазэм и фэр т|эк|у пихуамэ,
Щхьэусыгъуэ и|э хъунщ.
Сф|эф|щ си нэгум мазэр къипсэу
Жэщ даущым сыхэтын.
Фагъуэ пэтми ар си гъусэм
Си хъуэпсап|эр сф|ощ| зкъуэтын.
Сф|ощ|ыр мазэр тхьэусыхэу
Къылъысахэм хуэшхыдэж,
Ар бзаджащ|эм къахуеплъыхыу
|уэху ф|ей куэдым къатебгэж.
Абдеж си гур ходзэкъык|ыр ,
Къысхуэмыщ|эу къыщыщ|ар.
Си бгъэр хьэлъэу хощэтык|ыр,
Схуэмыубыду нэпс къепщ|ар.
Ауэ мес, мэлыдыр вагъуэр,
Я нэ ц|ык|ухэр ягъэджэгу.
Уи щхьэр, жа|э, щхьэ уи жагъуэ?
Нэщхъеягъуэр щ|ы уи лъэгу!
Гукъыдэжым къегъэзэжыр,
Бгъэри хуиту мэбэуэж.
Мурад |эф|хэр зэщ|онэжри,
Бзийхэм пшагъуэр ныхесхьэж.
Ауэ нурыр куэдрэ блэпкъым:
Махуэр къосри уэгу пхъанк|ам
Иреху вагъуэр зигъэуэркъыу,
С|эщ|ех гугъэуи с|унк|ар...
Жэщ вагъуэбэм зиущэхуамэ,
Сыт дахагък|э къыпэхъун?
Мазэм и фэр пихупамэ,
Щхьэусыгъуэ и|э хъунщ...
......................................................
ГЪЭР Щ|АЛЭМ И ПЩ|ЫХЬ
Сыщалъхуа хэкуу адэжь лъахэ!
Услъагъужыну п|эрэ зэ?
Куэд щ|ауэ си гум щызгъэф|ахэр
Схуащ|ак|эщ нобэ дэкъузэн.
Дахагъэт, гъащ|эт, лъагъуныгъэт
Игъащ|эм си псэм и нэпыгъыр.
А хъуэпсхэм сэ сызэщ|а|ыгъэу
Уэгу щхъуант|эм куэдпэ сыдоплъей.
Хьэтыр схуищ|энк|э сыщыгугъыу
|устазу си|эр мы дунейрщ.
Уэгу щхъуант|э хуиту гъунапкъэншэр
Гурылъхьэм лъахэ яхуэхъун?
Си хэкурщ си насып мыгуэшыр-
Абы дахагък|э сыт пэхъун?!
Хьэуэ щы|энкъым щ|ы хъурейм
Апхуэдэ пшэплъ, апхуэдэ уэгу,
Апхуэдэу хъуп|эхэр щыбей,
Апхуэдэу ф|ыгъуэхэр зи нэгу!
..............................................................
Ныбжьэгъу пэжагък|э збгъэдэтахэ!
Дапщэщ дызэпыгъуэтыжын?
|эф|агъыу ди псэм щыдгъэф|ахэр,-
Мурад мыунк|ыф|у къытхуэблахэр-
Дапщэщи зэхуэт|уэтэжын?
.............................................................
Сыщалъхуа Хэку, сыщалъхуа Хэку!
Дапщэщ сыдыхьэжын си жьэгу?
.............................................................
Ауэ Морфейр абы къытоуэ,
Лъэмык|ыу наа|эр ф|ызэтоуэ.
Арыххэу щ|алэр хэжеяуэ
Елъагъуэ и Хэкум ихьэжауэ:
И пащхьэм губгъуэр щощ|эращ|э,
Псынэпсу къабзэщ уафэ лъащ|эр,
Псэ пыт къыф|ощ|ыр псыежэххэм,
Хэкум и |эблэр къызэ|уехыр.
Нэгу зэ|ухак|э къыпежьауэ
Къудамэр жыгхэм къыхуаший,
Гупсысэ |эджэ а жыг жьауэм
Щагъэ|ущак|эщ щысабийм.
Адэжь и унэр щ|ап|эм итщи,
Ар щ|алэм тыншу къегъуэтыж,
Зэман блэк|ахэм и щхьэ хуиту
Игъэлъэп|ахэр игу къок|ыж:
Зэхуос аргуэру и ныбжьэгъухэр,
Аф|агък|э зэ къыдэгуэшар;
Упщ|эн-усэныр ямыжэгъуу
Я псэм ныхуахьыр къак|уэжар.
Гъэр щ|алэм зыхуэмубыдыжу
|эщ|ок|ыр псэр – лъэтэн къудейщ.
Насып мыухыр и |эдэжщи,
Т|эк|у къозэвэк|ыр мы дунейр.
Йохъуэхъу ар хэку къыздихьэжами...
Ауэ, сыт, пщ|ыхьыр мэбзэхыж;
Ф|эф|ат ар т|эк|у илъагъужамэ,
Арщхьэк|э плъэк|мэ къэубыдыж.
Насып уэсупсыр гъущыжами,
Зэрошх гъущ| лъэхъур, зигъэхъейм.
Хьэпс куум щыгызу щ|идзэжами,
Пэджэжкъым зыри щ|алэ хейм.
........................................................
КЪУРШ ПСЫДЗЭ
Мэлъащэ къурш псыдзэр,
Къыр зэвхэм поджэж,
Тхъурымбэр зэрихьэу
Мэхъущ|э мэщат|э;
Йоупщ|ыр мывэжьхэм,
Ещ|ыфып |эдэж;
Хъыжьагък|э и гущхьэр
Бэгауэ мэятэ.
Щ|ыхь хуэлъэщ а псыдзэр,
Бгъуэтыжынкъым пэхъун;
Хыф|ехуэ и тк|уэпсхэр,
Губжьауэ мэгъуахъуэ;
Хулъок|ыр къыр бгыжьыр
Икъутэу щ|эпхъуэн,
Мэкъу пыпхъуэ къыф|эщ|у
Щ|ы ф|ыц|эм щ|обжьахъуэ.
И бийхэм тек|уауэ
И макъыр и|эт
Пф|эщ|ынущ пелуаным,
Къыхуэзэр хегъащ|э:
Kodzokov Lukman
Magometovich
Kuedzokue L'ekumen, Man of
Kabardian Society and Philosophy
Biography & His Poems

Articles, Publications & Documents |
Links
| Last
Updates
|
Archive
|
About
Site |
Home
Page
Please
send your
comments, opinions,
questions and suggestions by e-mail :
info@circassianworld.com
|