|
ИСТАМБЫЛАК|УЭ
Фыкъэда|уэ ц|ыхухэ! Фыкъэда|уэ псори! Псалъэр Кафказ къуршыжьхэрщ Ямыщ|эжу хыхьэ гу|эгъуэщ Зэман пшагъуэм щ|ихъума гуауэщ Нобэ фигум къэдгъэк|ыжынур. Сэ а махуэм кхъухь тедзап|эм Сыкъы|ук|ыри сыкъежьащ, Къуэ ещанэм сыкъэсауэ Зы шу къак|уэу къысхуэзащ. Жак|эм нэпсыр къыщыпытк|ум Сэлам тыгъуэр ирохьэлъэр, Сыкъогубжьыри л|ы ихьэлкъым Жыс|эу щ|алэм сыхуохъыжьэ. Зы лъэбакъуэщ уэ уи нэпсыр Плъагъужынум къыпхуэнэжыр, Жи|эщ шуми си лъэужьыр И гъуэгуанэу щ|эпхъуэжащ. Сэ къызочыр а лъэбакъуэр, Бгъуэнщ|агъ гуэрым сырохьэл|эр. Л|ауэ щылъыр щ|егъу щэныкъуэм, Л|эуэ щылъыр абы хэббжэм Зы щитху хъуну къыщ|эк|ынщ. Зи джанэбгъэр фыщ|а анэм И нэр къаплъэу псэр щинащ, Зи псэм еджэ и сабийри, Зэса бгъафэм щ|эгъуэлъхьащ. Насыпыншэу къалъхуа ц|ык|ур Шхэну хуейщи хок|иик|, Зи псэр пытхэм ар зэхахри Плъагъуу я гур щ|оузык|. Т|эк|у щэ|ужри |эуа дыгъэм И нэ ц|ык|ухэр щ|илъэфащ. Сэри щ|ак|уэр занэзэкъуэм Хьэдэ тепхъуэ яхуэсщ|ащ. Шум жи|ауэ сэ си нэпсыр, Щ|ак|уэм тетууэ слъагъужащ. Мис абдежым сиувык|ыри Сэ тхьэлъанэ быдэу сщ|ащ Къызэда|уэр, акъыл зи|эр, Мы |уэху бзаджэм къезгъэлыну Емынэ узыр зыхыхьэпауэ Зытек|уэдэжыр ди лъэпкъ ик|ахэрщ, Я нэхъыбит|ыр хыр къэукъубейри, Хьэп|ац|э |усыу хэк|уэдэжахэщ. Къэнажа т|эк|ур мы къуак|э-бгык|эм Дэвубыдауэ дывогъэл|ыхьыр. Фэ ит|ани фи тхьэлъанэщ Дэ ди ц|ыхухэр ф|ыуэ флъагъуу. Бгырыс лъэпкъхэм щы|э псоми Ф|ы къехъул|эм фэ фи гуапэу. Ар апхуэдэу щытыр пэжым Зылъэмык|хэр щыхэк|уадэм, Ди ц|ыхубзхэр шыпл|эжагъэу Хъан бей гуэлхэм щызэрапхъуэм, Хэт и хьэдэ фэ вгъеяр? Лей къыфтехьэу сыт щ|эвдар? Хьэпэщыпхэ фи нэ хуэхъуу Сыт фэ дыуэ щ|эвмытхар? Зэм Щамилым, зэм пащтыхьым, Зэм алыхьым фырил|ык|уэщ Дэнэу п|эрэ фэ ц|ыху гъапц|эу, Емынэжьхэм фи къежьап|эр. Хэт и хабзэм тедухуэну Фэ фи хьэдэм и щ|элъхьэк|эр, Сын фхуэтщ|ынут блащхьэ ф|эту Щ|ым ар хэпт|эм щ|ыр гызынущ. Маф|э тщ|ырэ фхедгъасхьэм, Уз хэтынущ фи жьэрымэм. Ар псом нэхърэ нэхъ фхуэфащэщ |ус фахуэхъум псыпц|эблэжьхэм. Ц|ыху нэлатхэр зэтехуауэ Щхъухьыр щхъухьым хырек|уадэ, Зи губамп|эр мыт|ысахэм Фэ фи ужьыр яхухъу МАХУЭ !!! Адыгэжь бэракъ гущэри, Ей жьыбгъэм зырейхьэ. Дыдеж я хъыбархэри, Хэт фэ къыфхуихьыжыну !!!
|